- ауан
- насмешка/ Дыхьэшхэн, щIэнэкIалъэ.* Ныбжьэгъум и ауаныр зыщхьэдигъэIухри, Хъусен, зыри къыщымыщIа хуэдэ, щысхэм яхыхьащ. Къу. Хь.Ауан зегъэщIын поставить себя в смешное положение.Ауан къэщIын=ауан щIын.Ауан къегъэщIын подвергнуть кого-что-л. чьему-л. осмеянию.Ауан хэлъу с юмором (говорить, делать что-л. ).* Шорэ и плъэкIэм ауан зэрыхэлъыр Къазий-Мухьэмэд и нэ Iущхэм ямылъагъуу къэнакъым. Ш. А.Ауан хэмылъхьэн говорить, делать что-л. без шутки, всерьез.Ауан хэхын попасть в просак.Ауан щIын насмехаться над кем-чем-л; подшутить, подтрунить над кем-л.* Фызкъэмышэ щIалэм дежкIэ ар сыт хуэдэ удын, ауан укъащIу уэрэд пхуаусыныр! Щ. Ам. Абы {Саят-Нова} и уэрэдхэмкIэ къыщIигъэщырт, ауан ищIырт пщыхэм яхэлъ икIагъэр. Iуащхь.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.